(#Архив
2015 гъэм илъэсищкӏэ зэпыуауэ (ӏуэхур Адыгэм и жагъуэгъухэм зэпаудри) Адыгэ джэгур Налщыч и "Абхъаз" утым зэрежьажауэ щыта щӏыкӏэм и зы пычыгъуэ.)
Налщыч и "Абхъаз" утым 2005 гъэ лъандэрэ хабзэ дахэ хъуауэ Адыгэ псори иригуфӏэу, уеблэм мы къалэм хьэщӏэ къакӏуэхэми я фӏэгъэщӏэгъуэну, зэрыхъукӏэрэ хабзэм тету джэгу дахэ зэхашэурэ къекӏуэкӏащ. Мы ӏуэхум щӏалэгъуалэ куэдым я гуащӏэ халъхьащ, нэхъыжь куэд хэлэжьащ. Ауэ куэдрэ мы джэгур ирамыгъэкӏуэкӏыну къыпэрыуахэщ Адыгэ лъэпкъым зищӏэжыныр зи псэ дэмыхьэхэр.
Мы ужь илъэс зытӏущми ахэм къохъулӏэр джэгур а щӏыпӏэм щекӏуэкӏыныр къызэпаудын. Мыхэм зыри лъабжьэ зимыӏэ щхьэусыгъуэу ямыщӏ щыӏэкъым. Щымыхъужым и дейж нобэ-пщэдей, мэгъэм мыхъумэ гъэ къакӏуэ жаӏэурэ махуэхэр ялъэф.
Ауэ Хэкур Адыгэм ди Хэкущ, Къалэр Адыгэм ди къалэщ! Налщыч мыпхуэдэ Ӏуэху дахэхэр Адыгэм щедмыгъэкӏуэкӏмэ дэнэ щедгъэкӏуэкӏыныр!
Адыгэ джэгур хабзэ зэрыхъуам тету Налщыч и къалэкум "Абхъаз" утым щекӏуэкӏын хуейщ! Адыгэм зыкъэтщӏэжын хуейщ!
Адыгэ лъэпкъыр Псэущ!
Адыгэ джэгур Псэущ!
Ещё видео!